ТЕКСТ ПЕСНИ:
Щӏылъэр мэгумащӏыр,
Щӏылъэм и гур хощӏыр,
Пхэнжу цӏыху и щыгум щыбэкъуам.
Гъатхэр зыдэгъагъэр
Цӏыхум и дахагъырщ,
Лъагъуныгъэ къабзэ япэ барщ.
Припев:
Уи ӏэгуншэ пшынэр
Пшапэм хуэушамэ,
Си псэм и уэрэдыр къыдоуш.
Сщӏэркъым ар щӏэбзафӏэр,
Уи гум уэ щыбгъафӏэр,
Си нэхулъэ гъащӏэм и тхьэгъушщ.
Лъагъуныгъэр - кӏэншэщ,
Лъагъуныгъэр - щӏэншэщ,
Гурылъ къабзэм псэр игъэпӏейтейм.
Лъагъуныгъэ гъуазэу
Къысфӏэбгъэщӏри мазэр,
Уэ си гъуэгу къебдзащ гугъэ пкӏэлъейр.
Сэ уи деж сынокӏуэ,
Уэ си деж укъокӏуэ,
Дынэкӏускъым зым и деж адрейр.
Дэ къытщӏэлъ гъуэгуищэм –
Зыщ нэсынур гущӏэм,
Уэ утетщи – ари тетщ дунейм.
Источник: @zhygue
ключевые слова: 1эгуншэ