Колэ нэ къуэлэн

Исполнители: Дина Харадурова и Заудин Табухов

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

- Уэ си Колэ нэ къуэлэн, уэ повесткӏэ къуатау жаӏэр,

Дапщэщ армэм удашыну мыгъуэ, уей?

- Майм и зым къызатащ, и тӏощӏанэм сыдашынущ,

Армэ щӏалэу сежьэжыну мыгъуэщ, уей.

- Шыгъуэ цӏыкӏур натӏэ гъуджэщ, гъуджэ иплъи сэ щысщӏам,

Сомышэну къимыкӏа мыгъуэт, уей.

- Ӏэлъын цӏыкӏум мыщӏэр ибэщ, дэлъхур зи бэм и насыпщ,

Зым имыдэм, зым идэн мыгъуэт, уей.

- Тхьэмпэ цӏыкӏухэр мэӏущащэ, хъыджэбз куэдым уеӏущащэм,

Дыщэ хъунуми сыпхуэмей мыгъуэ, уей.

- Е сэ сыфши сывгъэлъагъу, е къысхуэфши сывгъэлъагъу,

Сытми дахэр сывгъэлъагъу мыгъуэ, уей.

- Уи анэм жиӏэм уэ едаӏуэ, уи адэм жиӏэр тӏу умыщӏ,

Тӏуми – Зы зыдгъэщӏи дегъэжьэж мыгъуэ, уей.

Источник: @zhygue