Гъатхэ уэшх (Си гъатхэ, гъатхэ уэшх…)

ТЕКСТ:

Си гъатхэ, гъатхэ уэшх…

Гъатхэ, гъатхэ уэшх,

Сигум ар къыщошх,

Хамэ щӏыпӏэм ар

Гъащӏэм щигъэпщкӏуащ.

Мазэщӏэр щхьэгъубжэм…

Сэ сынопщӏыхьыр уэ.

Хамэ хамэ щӏыпӏэм, уэ,

Сэ сощӏэ — гъащӏэм щигъэпщкӏуащ

Си гъатхэ, гъатхэ уэшх,

Хуэму, хуэму къошх,

Сызэгупсысыр уэ зыращ,

Си гъатхэ, гъатхэ уэшх,

Сигум ар къыщошх,

Сэ сигум илъыр уэ зыращ.

Уэшхым къызегъащӏэ

Сигум илъыр сэ,

Гъатхэм и мэ ӏэфӏыр —

Сэ сощӏэ — уэшхым къысхуихьащ,

Едаӏуэт.

Си гъатхэ, гъатхэ уэшх,

Хуэму, хуэму къошх,

Сызэгупсысыр уэ зыращ,

Си гъатхэ, гъатхэ уэшх,

Сигум ар къыщошх,

Сэ сигум илъыр уэ зыращ.

Къэкӏухьлъакъуэ жьым уи лъэкъуапӏэхэр

А хамэ щӏыпӏэм щигъэпщкӏуащ

Дэнэ уэ укӏуа, сэ си щӏыпӏэ уэ

Си гъатхэ уэшхым укъишэнщ.

Гъатхэ уэшх, сыт иджы уэ пщӏэнур?

Хамэ щӏыпӏэм, уэ зыхэпхрэ,

Ар кӏуащ, ежьащ, ара.

Зэми щхьэм хэту псым хуэдэу ижащ,

Уэ куэдыр кӏуэм уежьащ, зэман дэкӏащ,

Пщэдей къокӏуэж, сыт уэ жепӏэн?

Уи гъатхэ уэшхым насып къишащ,

Уэшхыр къошх, сощӏэр сэ,

Зыхэпхрэ, къос, уи деж ар къос.

Си гъатхэ, гъатхэ уэшх,

Хуэму, хуэму къошх,

Сызэгупсысыр уэ зыращ,

Си гъатхэ, гъатхэ уэшх,

Сигум ар къыщошх,

Сэ сигум илъыр уэ зыращ.

Къэкӏухьлъакъуэ жьым уи лъэкъуапӏэхэр

А хамэ щӏыпӏэм щигъэпщкӏуащ.

Дэнэ уэ укӏуа, сэ си щӏыпӏэ уэ

Си гъатхэ уэшхым укъишэнщ.

Гъатхэ уэшх,

Гъатхэ, гъатхэ уэшх,

Хуэму, хуэму къошх,

Гъатхэ, гъатхэ уэшх,

Уигум ар къыщошх.

Гъатхэ, гъатхэ уэшх,

Хуэму, хуэму къошх,

Гъатхэ, гъатхэ уэшх.

Источник: www.oredade.ru