Си гъатхэ
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Гъатхэ жьыбгъэм зиущэхуауэ,
Ди зекӏуапӏэм къыщекӏухь.
И зэманым блэбгъэкӏащи,
Сэ пӏейтейуэ зызоплъыхь.
Къакӏуэ псынщӏэу, къакӏуэ псынщӏэу,
Сэ уэр щхьэкӏэ
Вагъуэ цӏыкӏухэр пызгъэнэнщ.
Уи цӏэр хэту уэрэд гуапэ
Си гум ноби иусынщ.
А уэрэдым псалъэу хэтыр
Сэ бзэншэу ныбжесӏэнщ.
А уэрэдым и макъамэр
Сэ уэ нэкӏэ уэзгъэщӏэнщ.
Зи щхьэ закъуэм гъащӏэр гъатхэу
Игъэкӏуэну лъэмыкӏын.
Уэрэ сэрэ дызэгъусэм,
Майр зэйкӏ имыкӏын.
Источник: @zhygue
Слушать бесплатно в исполнении Заура Тутова
ключевые слова: зек1уап1эм