ТЕКСТ ПЕСНИ:
Сыщытщ. Къэскъым сызыпэплъэр.
Си гупсысэр мэпыӏэж.
Жэщыбгщ. Къэскъым сызыпылъыр.
Си гур мэныкъуакъуэр — кӏуэж.
Кӏуэж — къызжеӏэ мазэм щэхуу,
Псы дэущым жеӏэ — кӏуэж.
Жьыбгъэ мащӏэ сэ къысщӏихур
Япэм хуэдэу мыгуакӏуэж.
Припев:
Вагъуэ цӏыкӏухэм дыхьэшхыжу
Нащхьэ къащӏыр — кӏуэж, кӏуэж, кӏуэж.
Пщащэ уэ узыхуэпэжыр
Нэгъуэщӏ щӏалэм мес ешэж.
Жаӏэр псоми — кӏуэж, кӏуэж, кӏуэж.
Ауэ сэ зызоӏэжьэж.
Жаӏэр псоми — кӏуэж, кӏуэж, кӏуэж.
Ауэ сэ зызоӏэжьэж.
Кӏуэж — жыг пщӏащэхэм хъуцацэу
Сфӏощӏ сэр фӏэкӏ ӏуэху ямыӏэж,
Жыг къудамэхэр си щхьэцым
Къопэщэщыр жаӏэу кӏуэж.
Припев.
Припев.
Источник: http://oredade.ru/qeezh-apenes-astemy-r/
Скачать MP3 в исполнении Астемира Апанасова
Ключевые слова: К1уэж, КIуэж, Кlуэж