Къайсэрыжьым и ӏистасйоныр

народная песня

Исполнители: Доган Кушха

Категории: кабардинские песни

Другие версии: Дыщэплъыр дэнлъэч къыщысщӏкӏэрэ

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Дыщэблыр дэнлъэч къыщысщӏкӏэрэ сэрмыгъуэ,

Бзуущхьэу хызогъэзагъэр.

Пӏэщхьагъкӏэ зигу мызэгъахэри сэрмыгъуэ,

Дунейкӏэ жыхьэнэмэкъэ.

Къайсэрыжьым фи ӏистасйонми сэрмыгъуэ,

Мэфӏэгур щызэрызэрошэр.

Зэпылъу зэрымышахэри сэрмыгъуэ,

Дунейкӏэ жыхьэнэмэкъэ.

Жыжьэурэ укъысхуэувурэ сэрмахуэ,

Тэрмэшкӏэ укъызопсалъэр.

Гъунэгъуу дызэбгъэпсалъэтэм сэрмыгъуэ,

Ди ӏуэхухэр къызэфӏэкӏынут.

Къайсэрыжьым фи фабрикъэжьхэми сэрмыгъуэ,

Щӏэкӏышхуэр къыщыщӏагъэкӏыр.

Ди ӏуэхухэр тхузэфӏэзгъэкӏми сэрмахуэ,

Ахърэтым и жэнэтыр ейти.

Данэурэ си щхьэцыгъуэшхуэри сэрмыгъуэ,

Пӏэ лъапэм щызогъэлъалъэр.

Нэпсурэ къезгъэлъэлъэхыри сэрмахуэ,

Си благъэм фи гуэныхь щӏакъэ.

Данэурэ си щхьэцыгъуэшхуэри сэрмахуэ,

Мажьэдзэм схузэгуимыхи.

Пхъэхкӏэрэ сызыгуэфхынуми сэрмахуэ,

А щӏалэр сигум имыкӏыну.

Къайсэрыжьым фи уэздыгъэшхуэхэр сэрмахуэ

Нэху дахэу кызэкӏэлъыщӏонэр,

А щӏалэр сигу кыщридзэкӏэ сэрмахуэ,

Ӏэл фӏыцӏэу сыкъызэщӏонэр.

Бзэпсурэ си пшынэ фӏыцӏэри сэрмахуэ

Дыгъэпсым хызогъэпсалъэр,

А щӏалъэм зэ сезгъэпсалъэми, сэрмахуэ

Ахърэтым и жэнэтыр ейти.

Мэрашым и данэ ӏувыри сэрмахуэ

Ери-ей сэ къызолажьэр,

Си ныбжьым къэслъэгъуа лажьэри сэрмахуэ,

А щӀалэм сщигъагъупщакъэ.

Ӏэпэщащэу си пшынэ фӀыцӀэри сэрмахуэ,

Ералахь пхъуантэм щощыгъуэр

МыдэкӀэрэ жэщищ-махуищкӀэрэ сэрмахуэ,

Си лэгъунэм сыщыщыгъуакъэ.

ИпщэкӀэ Къунашей гъуэгури сэрмахуэ,

ПцӀэгъуэплъым къызыхеудэр

Ей мыгъуэ сызэгуэмыудурэ сэрмахуэ

А щӀалэм сыӀувгъэплъэжыт.