Си гур мафӏэм къыресыкӏ
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Мы си гур зэджэр уэзыращ
Си гухэлъ щэхур уэращ.
Уэ къытеплъхьащ си псэм бэлыхь
Укъысхуимыӏэу зыри щысхь.
ЕЖЬУ:
Мы си гу мафӏэм къыресыкӏ
Си нэхэр нэпсым сфӏыщӏесыкӏ.
Си лъагъуныгъэ къэгъэзэж
Мы си гум мафӏэр къыщӏэдзэж.
Мес мазэм нурыр къыщхьэщех
Уи бампӏэр си гум кьысфӏырех.
Уэ уежьэжащ, сыкъэбгъэнащ,
Ар дыркъуэу си гум къытебнащ.
Къемыплъэкӏыхэу гъащӏэр блокӏ
Сыкъомылъагъуу уэ узблокӏ.
Уэ къысхуэмыщӏэ къыпщыщӏар
Си закъуэу сыкъыщӏэбгъэнар.
Источник: Майя Шидугова
ключевые слова: маф1эм