ТЕКСТ ПЕСНИ:
Щӏэупщӏакӏуэр хъуащ си куэди,
Сумыгъэщӏу хэплъэ-хэди,
Сыхьи еуи, дегъэжьэж, си дахэ, уей.
Мазэ цӏыкӏур мазэ ныкъуэщ,
Уэ си гъащӏэм ухуэныкъуэщ,
Сыхьи еуи, дегъэжьэж, си дахэ, уей.
Сыбгъэщӏащи лъагъуныгъэр,
Къыздэӏыгъи уэ си гугъэр,
Сыхьи еуи, дегъэжьэж, си дахэ, уей.
Уэ щхьэгъусэу сынохъуапсэ,
Сынихьэну сэ уи лъапсэ,
Сыхьи еуи, дегъэжьэж, си дахэ, уей.
Мы сигу цӏыкӏур, бгъэм игъыхьу,
Нэгъуэщӏ гуэрым сомыгъэхьу,
Сыхьи еуи, дегъэжьэж, си дахэ, уей.
Щӏэупщӏакӏуэр хъуащ си куэди,
Сумыгъэщӏу хэплъэ-хэди,
Сыхьи еуи, дегъэжьэж, си дахэ, уей.
Источник: @zhygue
ключевые слова: щ1эупщ1ак1уэр