Шэмыгъапцӏэ жэщ

Музыка и слова - Мурадин Думанов

Исполнители: Черим Нахушев

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Шэмыгъапцӏэ жэщ, зызогъэщӏ уи куэщӏ,

Лъагъуныгъэу блэкӏхэри къысфӏощӏ гъуабжэгъуэщ.

Уэ сыпхуогумэщӏ, си гур къэзытӏэщӏ,

Пшынэ макъ бзэрабзэхэм сигу зырагъэлъэщӏ.

Шэмыгъапцӏэ жэщ, сыту ужэщ кӏэщӏ,

Уэ зыпщызмыгъэнщӏурэ, соплъурэ нэху мэщ.

Си гум и хьэщӏэщ, хощӏыр ди зы жэщ,

Си псэм щыщӏэ псалъэхэр уэ бдызоугуэш.

Припев:

Псэр зыхуэуса, фӏыщэурэ слъэгъуа,

Жэщ мазэгъуэ дахэри ӏэпэгъу схуэзыщӏа.

Уэсэпсу къеха, си гум къыхиха,

Фэеплъ дыщэпс вагъуэурэ гъащӏэм къызита.

Шэмыгъапцӏэ жэщ, си гур хыумыгъэщӏ,

Мазэ бзий дэхащэхэм си гур егъэлъэщӏ.

Лъагъуныгъэ куэщӏ си псэр изогъэщӏ,

Гухэлъ хуэпӏуэтэнумэ къомылъыхъу нэгъуэщӏ.

Припев.

Шэмыгъапцӏэ жэщ, зызогъэщӏ уи куэщӏ,

Лъагъуныгъэу блэкӏхэри къысфӏощӏ гъуабжэгъуэщ.

Уэ сыпхуогумэщӏ, си гур къэзытӏэщӏ

Пшынэ макъ бзэрабзэхэм сигу зырагъэлъэщӏ.

Припев.

Источник: oredade.ru