Сыножьэ

Псалъэхэр зытхар Тут М.

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Сыноплъэр дыгъэр къухьами,

Сыножьэр нэхур щыхун.

Сыноплъэр уи бжэр хуэщӏами,

Сыпсэууэ, сигу уимыхун.

Сыноплъэр си нэр диихукӏэ,

Хэт жиӏи сэ зэхэзмых.

Сыноплъэр уэ ублэкӏыхукӏэ,

Сыкъыщыплъагъукӏи уоплъых.

Уи нитӏым сызэхащӏамэ,

Сынасыпыфӏэ сфӏэщӏынт.

Мы си гум щыхъэр къэпщӏамэ,

Си лъагъуныгъэр пцӏыхунт.

Сыножьэр уэсыр къесами,

Сыноплъэр гъатхэр къэсыху.

Сожьэнущ сыт къэмыхъуами,

Сыпсэууэ си псэр хэтыху.

Источник: @zhygue

ключевые слова: хуэщ1ами