Лъагъуныгъэ лъагъуэ

Исполнители: Черим Нахушев

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Гъатхэм и удзыпэ щхъуантӏэр,

Лъагъуныгъэ лъагъуэм къытрипхъар,

Зэхиутэ къысфӏигъэщӏу

Нысфӏежьащ мыдэӏуэж псэр.

Припев:

Уи гур си псэм щӏигъэӏущыр,

Си гум уи псэр щӏигъэпӏащӏэр,

Къэдгъэщӏынур зэрымащӏэрщ, уей.

Жэщ мазэгъуэ вагъуэ гъусэу

Си гур плъыру уэ къыпхуэзгъэнащ,

Щызэтеспӏэм напӏэр сакъыу

И пщӏыхь гум си псэм уищӏащ.

Припев.

Тхыпхъэ гъатхэм и нэхъ дахэу,

Лъагъуныгъэ дэ къытхуигъэщӏар,

Гъащӏэ гъусэ пщӏыну гугъуу

Сытым щхьа щӏефыгъуэжар.

Припев.

Источник: oredade.ru