Исполнители: Surhay
Категории: кабардинские песни
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Гукъанэ къытхуумыщӏ,
Уи щхьэр къэӏэт, ди пшынэ,
Умышынэ, дыгъэр къытхуэгуфӏэнущ,
Умышынэ!
Кӏыфӏыр зэфӏитхъыу
Къыдэплъынущ дыгъэр.
Мо вагъуэра къозытар
Мы уи щхьэм хэлъ щыгъэр?
Щыгъэт!
Зауэр хэлъхьэ иджы уи нэпсхэм!
Зы уэрэд къегъажьэ,
Зы тхылъ тхы,
Зыкъым, тӏукъым,
щыкъым, плӏыкъым,
Хы – зы хы,
Бдзэжьей хэмысу,
И псыр лъыу…
Тӏэкӏу зыкъэщӏэж,
Сэркӏэ фыудэфащ.
«Лъагъуныгъэ, лъагъуныгъэ!» –
Ди щхьэр фыудэгуащ.
Уи гур тынш?
Уафэр фӏы?
Хамэ хэку уеса?
Уеса?
«Ди пшынауэ, уей-са!»
Уи псэр хэлъхьэ,
Жысӏэхэм зыгуэрэ къыхэпхынущ.
Мы уафэр щызугъуэнам,
Си макъыр зэхэпхынущ.
А махуэм хэзэрыхьынущ
ди напсыр ятӏэм.
Къагъэуэнущ маржэм
Уафэр, щыхатӏэм…
Припев:
Телъхьэ ӏэщэр дамэм,
Еуэ уи шым, шууей!
Ахъшэ фӏыцӏэр ӏэфӏ,
Хьэуэрэщи тӏэкӏу шхыгъуей?
Ӏэщэр къэхь, гуащэ,
Дытесу бгъэм и дамэм дэ
Ӏуащхьэмахуэ дынэсынущ!
И чэзу гукъанэм?
Зы тхылъ тхы,
Укъанэмэ зы цӏыху уимыӏэжу,
Зы уэрэд къегъажьэ,
Дэуэршэр псынэм,
Еплъ хым, еплъ мэзым,
Еплъ уэ мазэм.
Сыплъагъунущ, уи нэкӏур
Ӏуащхьэмахуэ бгъазэм.
Илъэс хъуащ,
Тщӏэжкъым уафэм и фэр,
Хэт ей мы жьауэр,
Хэт мы дыгъэм ефэр?
Бжьыхьэм хуэфӏу
Зэхэту фӏыцӏэмрэ щхъуантӏэр,
Мафӏэр естри сгъэсащ
Фи дыщэ пхъуантэр…
Къиӏуэтащ Блэ Фӏыцӏэм,
Итхьэла пшахъуэхэр,
Лъы теутхащ ди хьэжыгъэм,
Умышх а щӏакхъуэхэр.
Зы хьэ къом
Лъы къакӏэрыжу я жьэ фӏейхэм,
Жиӏэ пэтрэ,
Цӏыхугъэ яӏэкъэ фыфейхэм?
Припев.
Источник: https://www.youtube.com/user/surhay1903