Слова - Зубер Тхагазитов
Музыка - Анатолий Отаров
Исполнители: Анатолий Отаров
Категории: кабардинские песни
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Цӏыху ӏей дунейм щыкуэду жаӏэ, –
Къызжаӏэ пэтми – мыхъу си фӏэщ.
Цӏыхуфӏ дунейм щымащӏэу жаӏэ, –
Къызжаӏэ пэтми – мыхъу си фӏэщ.
Цӏыхуфӏ дунейм щымащӏэу жаӏэ, –
Къызжаӏэ пэтми – мыхъу си фӏэщ.
Мо дыгъэр блэхукӏэ,
Щӏылъэр гъэгъэхукӏэ,
Цӏыхугъэ дахэр, Фӏылъагъуныгъэр
Дуней гъэнэхур пэжыраи!
Пцӏыр лъакъуэ кӏыхьу сэ къызжаӏэ, –
Къыстежу къэхъуми – мыхъу си фӏэщ.
Пэжыӏэр кӏэщӏу сэ къызжаӏэ, –
Ар згъэунэху пэтми – мыхъу си фӏэщ.
Пэжыӏэр кӏэщӏу сэ къызжаӏэ, –
Ар згъэунэху пэтми – мыхъу си фӏэщ.
Мо дыгъэр блэхукӏэ,
Щӏылъэр гъэгъэхукӏэ,
Цӏыхугъэ дахэр, Фӏылъагъуныгъэр
Дуней гъэнэхур пэжыраи!
Цӏыхубзыр пцӏылъэу сэ къызжаӏэ, –
Саӏущӏэ пэтми – мыхъу си фӏэщ.
Цӏыхубзыр тӏасхъэу сэ къызжаӏэ, –
Ар згъэунэху пэтми – мыхъу си фӏэщ
Цӏыхубзыр тӏасхъэу сэ къызжаӏэ, –
Къызжаӏэ пэтми – мыхъу си фӏэщ.
Мо дыгъэр блэхукӏэ,
Щӏылъэр гъэгъэхукӏэ,
Цӏыхугъэ дахэр, Фӏылъагъуныгъэр
Дуней гъэпэжыр пэжыраи!
Сылӏэну куэдым сэ къызжаӏэ, –
Ар – сиӏэщ быни – мыхъу си фӏэщ.
Дунейр къутэну сэ къызжаӏэ, –
Ар – фэ фытетщи – мыхъу си фӏэщ!
Дунейр къутэну сэ къызжаӏэ, –
Ар – фэ фытетщи – мыхъу си фӏэщ!
Мо дыгъэр блэхукӏэ,
Щӏылъэр гъэгъэхукӏэ,
Цӏыхугъэ дахэр, Фӏылъагъуныгъэр,
Дуней гъэнэхур пэжыраи!
Мо дыгъэр блэхукӏэ,
Щӏылъэр гъэгъэхукӏэ,
Цӏыхугъэ дахэр дунейм тетынущ,
Фӏылъагъуныгъэр ирепсэу!
Источник: https://youtu.be/w2lYh4bZ8gk
Слушать бесплатно в исполнении Анатолия Отарова
ключевые слова: къызжа1эр