Нысашэ джэгу

Слова - Б. Гедгафов

Исполнители: Мухамед Каширгов, Хусен Маремуков

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ (В.1):

Адыгэ хабзэщи, щӏалэ къуданхэ, ей,

Шагъдий гъэшхахэм, ей, фыныздэшэс,

Ди лъэпкъ нысашэщи ди уафэ къащхъуэми, уей,

Фыкъыщыджэгу шурылъэс.


Ей, пшынауэ, уи пшынэр гъабзэ,

Зэхэшэ нысашэ джэгу.

Гур гуфӏэгъуэм дэубзэрабзэу

Дэ нобэ дыздэвгъэджэгу.

Ӏэгур, ӏэгур вгъэщащэу, уей,

Дэ псори дыкъэвгъэджэгу.


Щӏэблэ тегъуатэурэ тхьэмадэ махуэ, ей,

Къэӏэт уи хъуэхъуурэ уэ мэрэмэжьейр.

Уи жьыгъэ дахэри щӏалэгъуэм еджэурэ, ей,

Къыхэсэ уэ ислъэмейр.


Тхьэрыкъуэ пщэхуурэ ди тхьэӏухудхэ, ей,

Уджыр фыублэурэ фихьэ утыку.

Гъатхэбзэ дахэкӏэ фытхуэбзэрабзэурэ, ей,

Зыкъевгъэужьыт ди нэгу.


Уэрэдыр, уэрэдыр къыхэвдзэ, маржэ, ей,

Къыдошэ, къыдошэ дэ нысащӏэ, ей,

Фыкъакӏуэ ди джэгум, девгъэплъыт фи лъэгум, ей,

Уэй, дыкъэвгъафэ, дуней!


ТЕКСТ ПЕСНИ (В.2):

Адыгэ хабзэщи, щӏалэ къуданхэ, уей,

Шагъдий мыгъасэхэм фэ фыныздэшэс,

Ди лъэпкъ нысашэщи, ди уафэ къащхъуэми, уей,

Фыкъыщыджэгу шурылъэс.


Припев:

Ей, пшынауэ, уи пшынэр гъабзэ,

Зэхэшэ нысашэ джэгу,

Гур гуфӏэгъуэм хуэубзэрабзэу

Дэ нобэ дыздэвгъэджэгу.

Ӏэгур, ӏэгур вгъэщащэ, уей,

Дэ псори дыздэвгъэджэгу.


Тхьэрыкъуэ пщэхуурэ, ди тхьэӏухудхэ, уей,

Уджыр фыублэурэ фэ фихьэ утыку.

Гъатхэбзэ дахэкӏэ фытхуэубзэрабзэурэ, уей,

Зыкъевгъэужьыт ди нэгу.


Припев.


Уэрэдыр, уэрэдыр къыхэвдзэ, маржэ, уей,

Къыдошэ, къыдошэ дэ нысащӏэ, уей,

Фыкъакӏуэт ди джэгум, девгъэплъыт фи лъэгум, уей,

Уей, дыкъэвгъафэ, дуней.


Припев.