Сабэ Чынэ (Лохэ япхъу Минэт и тхьэусыхэ уэрэд)

народная песня

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Лохэ срапхъут,

Ежьу: Уо-ра, уо-уо-рирэ, уо!

Лӏы сратри!

Ежьу: Уо-ра, уо-уо-рира, уо!

Сызратри уи шабий вакъэт.

Срамыпхъуу срапхъурылъхутэмэ,

Лӏы сратыххэнтэкъым.

Вы къарэжь фиӏэти - лъакъуищт.

Зэшыжьищ фохъури - фи зырызщ.

Мэш хьэсищ фиӏэщи - мацӏэ хъуахуэщ.

Зэшыжьищ фохъури - фи зырызщ.

Псыжь Локъуажэр - Локъуажэжьт.

Вакъэ зэпэӏудэт, упщӏэ лъеижьыр дамыгъэт.

Унэмкӏэ сокӏуэри, гуащэжьым сыщӏигъэхьэркъым.

Жьантӏэмкӏэ сокӏуэри, пщыжьым идэххэркъым.

Пэшымкӏэ сокӏуэри, пщыпхъум сыщӏигъэхьэркъым.

Дэнэ мыгъуэм сыкӏуэжыххэну - сотхьэусыхэ!

Хьэщӏэщыжь фиӏэти, уи хьэгъэщтт.

Псыжь и псыхъуэр нэпскӏэ согъажэ.

Алътогъуз и джабэхэм сыкӏэрохьэ.

Алътогъуз и пхъэ дакъэхэри си пӏэщхьагът.

Алътогъуз и пщӏащэхэри си уэншэкут.

Ар си щхьэцыгъуэшхуэри дзажэ щӏэдзт.

Ар си ӏэблэшхуитӏри пщэрыдзэнт!

Пасэм абазэпщ Лохэ куэд зылъэкӏыу Абазэ хэкум исащ. Лохэ къулейуэ, ӏэщ я куэду, езым я шы лъэпкъ «ло» и цӏэу къагъэхъуауэ, адыгэ хэку псоми щыцӏэрыӏуэу щытащ. Тамбий Дыгулыбгъу кӏахэм кӏуэуэ Бэлэтокъуэхэ я шыбзыр къыщихуам зытесар Лохэ я шы лъэпкъщ. Абы тесу жэщым Бахъсэн къиуауэ къыхыхьэри, итхьэлауэ щытащ ишри езыри.

Лоужь гущэм и саур бгъуитӏым,

Лъы бахъэр къызэрохьэх;

Псыхьэлыгъуэм хуэдэу кърихьэхыжри,

Тамбий и къуэкӏэ пщы Дыгулыбгъущ.

Ло гущэу уи Лоутхъуэжьыр

Къэрэтобэ къыщогъэщыщ,

Дыщэм хуэдэурэ уи дыщэ быныр

Бахъсэн псыхъуэ къыщогъэщыгъуэ, - жеӏэ

Дыгулыбгъу и уэрэдым.

Урыс пащтыхь Александр Етӏуанэм и зэдзэкӏакӏуэу, и адъютанту щытащ полковник Ло Мэмэт-Джэрий, Бытырбыху кадет корпус къыщиухауэ. Лохэ я ӏэмыщӏэ илъащ Хы Фӏыцӏэм и ӏуфэм ӏут мафӏэгу увыпӏэ цӏыкӏур. Езы Лохэ Псыжь и ӏуфэм ӏусащ.

Атӏэ, апхуэдизу зылъэкӏ абазэпщ Лохэ япхъу Минэт дахэр лъхукъуэлӏ унагъуэ гуэрым егъэзыгъэкӏэ иратати, мы тхьэусыхафэ уэрэдыр иусащ. Уэрэдыр абазэхэм абазэбзэкӏэ, адыгэхэм адыгэбзэкӏэ жаӏэу, я уэрэд гъэфӏэну щытащ.

Уэрэдыр дызыгъэтхар Кӏэм Ӏэюбщ, Hэнджэщауэ Исмел къыдежьууэ (1968 гъэ).

Источник: Bjami Radio

ключевые слова: 1эблэшхуит1ри