Дзыхь а зым хузощӏ

Псалъэхэр зытхар - Къэрэмырзэ Ю.

Макъамэр зытхар - Согуэ Д.

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Пшынэ фӏыцӏэр зэгузох,

Пшынэ фӏыцӏэ бзафӏэр.

Си бгъэм ар щызэблызох

Псэгъум хуэдэу згъафӏэу.

Зэм хызолъхьэр, зэм хызох

Ар си гухэлъ мафӏэм.

Дзыхь а зым, а зым хузощӏ,

Дэзгуэшыну гуауэр.

Си гукъеуэр жесӏэ сфӏощӏ,

Симыӏэххэ щауэм.

Ауэ щауэр къэмыкӏуэж,

Жыжьэ къикӏ хъунщ лъэсу.

Гуауэр си нэм щӏэмыхуэж,

Къысфӏыщӏохур нэпсу.

Вагъуэм сеплъу сезэшащ

Къысхуищӏыну нащхьэ

Си гугъапӏэ лъэлъэжам

Нэхухэр тызогъащхьэ.

Источник: @zhygue

ключевые слова: хузощ1