Насыпыр аращ

Слова - Юрий Семенов

Музыка - Зарета Зарамышева

Исполнители: Черим Нахушев

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Гъатхэр къэблэгъащи,

Бзухэр къолъэтэжыр.

Щӏылъэр къэушащи,

Къару къыхохьэжыр.

Припев:

Щӏылъэр зыдэушыр,

Бзухэр щӏемызэшыр,

Гуитӏым дызэхуашэм –

Насыпыр аращ.

Нэхущ жэп къехамэ,

Псынщӏэуэ токӏыжыр,

Гъатхэ уэшх къешхамэ,

Дыгъэр къыкъуокӏыжыр.

Припев:

Жэпыр щӏытекӏыжыр,

Дыгъэр къыщӏепсыжыр,

Си гур зыгъэфӏэжыр –

Насыпыр аращ.

Пшэм егъэпщкӏур мазэр,

Гъэр ищӏыну хуейуэ.

Къыӏэщӏокӏ, зегъазэр,

Ӏэгуфӏэжыр хейуэ.

Припев:

Мазэр щӏэгуфӏэжыр,

Ди гухэлъхэр пэжмэ,

Дызэрыгъэпэжмэ –

Насыпыр аращ.

Гъатхэр зэман дахэщ,

Хелъхьэ псэ къэкӏыгъэм.

Удз гъэгъауэ дахэр

Яхуещӏ псоми тыгъэ.

Припев:

Гъатхэр щӏэдэхэжыр,

Удзхэр щӏэгъэгъэжыр,

Псэ къытхэзылъхьэжыр –

Насыпыр аращ.