Автор - Нина Хаупа
Исполнители: Асият Асланова
Категории: кабардинские песни
Другие версии: Ӏуащхьэмахуэ (2 версия), Ӏуащхьэмахуэ (3 версия)
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Ӏуащхьэмахуэ зи лъэгагъым, уей,
Щӏэгъэкъуэн щӏэмытырэ.
Си ӏэр си щхьэм щӏызогъакъуэри
Мы ди ӏуэху мыгъуэм согупсыс.
Усымаджэщ жаӏэ мыгъуэри,
Сымаджэщым сашэрэ.
Сымаджэщым сэ сывмышэурэ
Нэкъулэн къысхуэфшэ, жи.
Си дарий шхыӏэн мыгъуэри, уей,
Мамэ къысщӏеупщӏэрэ.
Хьэблэр щӏэупщӏакӏуэуэрэ, уей,
Пӏэм сыкъыхэвна мыгъуи.
Си пщыкъуэр къыщӏохьэ мыгъуэри
"Унэхъыфӏ?" — къызжеӏэрэ.
Си пщыпхъур къыщӏохьэ мыгъуэри
Хъун лъэпкъ къызжимыӏэ, жи.
Си гуащэр къыщӏохьэ мыгъуэри,
"Ухъужынщ" къызжеӏэри.
Езыр къыщӏохьэж мыгъуэри, уей,
"Тэджи кӏуэж!" къызжеӏэри.
Ӏуащхьэмахуэ зи лъэгагъым, уей,
Щӏэгъэкъуэн щӏэмытырэ.
Си ӏэр си щхьэм щӏызогъакъуэри
Мы ди ӏуэху мыгъуэм согупсыс.
Источник: oredade.ru
Послушать в исполнении Асият Аслановой
ключевые слова: 1уащхьэмахуэ, Iуащхьэмахуэ, lуащхьэмахуэ, 1эщхьэмахуэ