ТЕКСТ ПЕСНИ:
Зэхызох сэ жаӏэу:
«Анэ дыщэ».
Узыпэсщӏыр
Дыщэр армыра,
Узыпэсщӏыр
Гъащӏэуэ ӏэфӏыщэрщ,
Гъащӏэм и къежьапӏэри
Уэращ.
Сэ сыхъуауэ щытми анэ,
Си анэ,
Ноби сфӏощӏ
Гущэкъу уэрэд къысхуипш,
Къысхэплъхьари
Лъагъуныгъэ ину
Зэрыслъэкӏкӏэ
Дунейм щызогуэш.
Гъащӏэ гъуэгум
Уриакъыл бжьыфӏэщ,
Ди щӏы иным хуэдэу
Убыныфӏэщ,
«Анэ» псалъэ гуапэу
Уи цӏэ закъуэм,
Сфӏощӏыр,
Дунейшхуэм зыщӏигъакъуэу.
Сэ уи нэкӏу зэлъахэм
Содэхащӏэ,
Уи щхьэц тхъуахэм
Щхьэщэ яхузощӏыр.
Си анэ,
Къурехъулӏэ уи гуращэр,
Утетыхукӏэ
Мы дуней дахащэм.
Источник: @zhygue
ключевые слова: жа1эу Зэхызлх Ана