Мэлэч и уэрэд

народная песня

 

(из книги З. Кардангушева "Адыгэ уэрэдыжьхэр")

ТЕКСТ:

Къуажэр зэроджэр Мэлэчти,

Уианэр зэроджэжыр Пыжьынэти.

Мэлэчу дахэр мэусэр,

Щхьэнтэм утесым, тхьэрыкъуэт!

Зыбукъуэдиймэ, аслъэнкъэ,

Аслъэным и сокур зи щхьэц!

Кърым бжьэхуцыр уи щlыфэт,

Дыхьэрэным и пщафэр уи нэкlут!

И нэкlу дамыгъэри тредзэри,

Шумахуэм идзэр шууитlкъэ!

Аслъэн шууитlым ар къахьри,

Жьынду шууитlмэ яхьыжкъэ!

Я тэхъутеитlыр трахри

Къызыдрахри мэувкъэ!

Зилъэ увыни къагъанэкъым,

Къекlуэталlэ, си пщыкъуэ щlалэ!

Мэлэчым и щытыкlэр вжесlэнти:

Мэлэчу дахэр кlэлъэфти.

Зрилъэфыхьурэ мэкlуэжри

Щхьэнтэм докlуейри мэтlыскъэ!

И джийм ежэх псыр уолъагъумэ,

И зэ лъагъугъуэри сомищэти.

Сом минищэ и уасэр Мэлэчкъэ,

Уэ ущауэнумэ ар къашэ!