Ар уэращ

Слова и музыка: Майя Шидугова

Исполнители: Артур Кунижев

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Дыгъэ бзийр щхьэгъубжэм къызэпхедз

Къигъэхуабэу псэр сыкъегъэуш.

Къуалэбзухэр уэгум щоджэрэз, щоджэрэз,

Зэпеуэжу уэрэдыр къыраш.

ЕЖЬУ:

Ар уэращ, си пщащэ, ар уэращ,

Мы си гъащӏэр дахэ схуэзыщӏар.

Ар уэращ, си пщащэ, ар уэращ, ар уэращ,

Лъагъуныгъэр уэрщ сэзыгъэщӏар.

Гур мэгуфӏэр, сфӏощӏыр къилъэтыкӏ,

Мэщӏэращӏэри мы си дунейр.

Си гупсысэми зэи ухэмыкӏ, ухэмыкӏ,

Уэрщ и гъащӏэри сэ си пщэдейм.

Вагъуэ цӏыкӏухэр уафэм къитӏысхьащ

Зэщӏэлындэу щӏылъэр къагъэнэху.

Си гур жэщ гупсысэм ныхыхьащ, ныхыхьащ,

Псэм фӏэӏэфӏыр уэрщ, си дуней нэху.

Источник: Майя Шидугова

ключевые слова: гъащ1эр