Си къэшэн

Исполнители: Зарамук Кардангушев

Категории: кабардинские песни

Другие версии: Ар си къэшэнщ

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Бадзэуэгъуэ дыгъэм щӏыгур къигъажьэу

Жьэражьэу уэгум къыщиувакӏэ

Зиӏэтрэ ӏуплъэмэ зыгъэукӏытэу

Зыгъэупщӏыӏури сэ си къэшэнщ.

Тенджызыр губжьрэ тенджызыр къиурэ

Къэукъубияуэ щызэрызехьэкӏэ

Щхьэщыхьэрэ хэплъэмэ зыгъэукӏытэу

Зыгъэувыӏэри сэ си къэшэнщ.

Бадзэуэгъуэ махуэм я нэхь кӏыхьыгъуэм

Аргъынэм ӏуту езылъэщӏэкӏхэм

Ягу къыщыридзэкӏэ шэмэдж дэдзэнхэр

Ящызыгъэгъупщэри сэ си къэшэнщ.

Мэлыхъуэ цӏыкӏухэу къущхьэхъум тесхэу

Гъатхэри бжьыхьэри зылъэзыгъэӏэсхэм

Я гъуэмылашэр щалъэӏэсыжкӏэ

Къызэреупщӏри сэ си къэшэнщ.

Пщыхьэщхьэ пшапэм си мыӏуэхущэу

Гупэ уэрамымкӏэ зыщыблезгъэхкӏэ

Тхылъым бгъэдэсу нэхур зыгъэщу

Слъэгъуа хъыджэбзри сэ си къэшэнщ.

Пщыхьэщхьэ пшапэм еша-елӏауэ

Лӏы гуп зэхэсым къащыӏурыплъэкӏэ

Зи гугъухэр ящӏ пэтми яхуэмыухыу

Нэху къатезыгъащхьэри сэ си къэшэнщ.