ТЕКСТ ПЕСНИ:
Телъхьэ уанэр си шым уэ си шынэхъыщӏэ.
Зауэм кӏуэ жаӏауэ Тэрчкӏэ соукъуэдий.
Сэ уанэгу сыкъихуу губгъуэм сыкъинами
Сызыпылъ хъыджэбзым и гум сумыгъэху.
Припев:
O-o-o О О-o-o
И гум сомыгъэху
Телъхьэ уанэр си шым уэ си шынэхъыщӏэ,
Дахэм гу щызмыхуэу нобэ шым сошэс.
Сэ уанэгу сыкъихуу губгъуэм сыкъинами
Си уэрэдыр жепӏэурэ дахэм игу сигъэлъ.
Припев.
Си анэр къысщӏэупщӏэм къэзгъэзэжу жыӏэ,
Си адэр къоупщӏами пэжыр умыбзыщӏ.
Сэ уанэгу сыкъихуу губгъуэм сыкъинами
Си уэрэдыр жепӏэурэ дахэм игу сигъэлъ.
Припев.
Источник: oredade.ru
Слушать бесплатно в исполнении Заура Тутова
ключевые слова: жа1ауэ