Сыту ӏейуэ сунэхъуа

народная песня

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

1. Къуанщӏэ фӏыцӏэхэр зэрызохьэ,

Си адэ-си анэр си гум къихьэм,

Город Берлин сыщопыхьэ мыгъуэ!

Сыту ӏейуэ сунэхъуа мыгъуэ!

2. Комендантыр наджэ-пхъаджэщ,

Илъэс минкӏэ себгъэджами,

Нэмыцэбзэ сымыщӏэну мыгъуэ!

Сыту ӏейуэ сунэхъуа мыгъуэ!

3. Сэ пэш цӏыкӏу мыгъуэ сыныщӏадзэ,

Эмодиным сынырадзэ,

Нэмыцэжьхэм сыжьэхадзэ мыгъуэ!

Сыту ӏейуэ сунэхъуа мыгъуэ!

Гъыбзэр дызыгъэтхыжар Къамылыкъуэ къуажэм щыщ Кърымхэ Ямыдэрэ Шыбзыхъуэхэ Хужьпагуэрэщ. Ар щыттхам щыгъуэ абыхэм илъэс 17 я ныбжьт.

Источник: https://zdamsam.ru/b45257.html

ключевые слова: 1ейуэ