Уджыр къыбогъажьэ

Псалъэхэр зытхар - Бещтокъуэ Хь.

Макъамэр зытхар - Дыгъужь Хъу.

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Уджыр къыбогъажьэ,

Сигу илъ щэху къозгъащӏэу

Нэр зыхуэзгъэплъыз, си дахэкӏей.

Жэщыр хэкӏуэтами,

Мазэр хэкӏуэдакъым,

Вагъуэ нитӏкӏэ уэ зэ къыдэплъей.

Пшынэ ӏэпэр лъалъэу

Пшынэ гъуагъуэр щатэу

Уи ӏэм хуэжыӏэщӏэу къыдоплъей.

Си нэм укъеплъакӏуэу,

Сигу илъ псор къэпщӏатэм

Си псэр псэхужынт, дахэкӏей.

Хышхуэ лъагъуныгъэр

Къэукъубияуэ,

Си гур кхъуафэжьейуэ къырехуэкӏ.

Дуней сызытетыр

Схуэмыгъэбэяууэ,

Уэ сызэрыпщыщӏэр къызеӏуэкӏ.

Уджыр уогъэкӏащхъэ,

Си гур зи гъэр пщащэр

Къыпхуэзэш плӏэнэпэм уогъэзэж.

Уи ӏэр соутӏыпщыжыр,

Соплъми умыжыжьэт,

Ауэ шэчыгъуейуэ согъэзэж.

Источник: @zhygue

ключевые слова: къозгъащ1эу