1. Къербэчым уи ныбжьэгъу пэжыри (уой)
Гуауэшхуэм сызэщӏеӏулӏэр,
Къэхъуахэм фыщӏэмыупщӏэми,
Си гъыбзэм фыкъыщӏэдэӏу мыгъуи (уой).
2. Къишати си ныбжьэгъу закъуэми,
Уэй тӏокӏэ нызэрыдошэ,
Щауэщӏэм и япэ жэщыми,
Нысащӏэр фызабэу къонэри (уей).
3. Тхьэӏухудым зыщимыгъэнщӏурэ
Къербэчыр ныщебзэрабзэм,
Бзэджащӏэм я фоч лъэдакъэмкӏэ
Лэгъунэбжэр нытыракъутэр(и уей).
4. Къербэчым и хэтӏэ-хэсэри
Губгъуэжьым щерегъэкӏуэкӏыр,
Нысащӏэр зыхуэгузавэми
А жэщым къимыгъэзэж мыгъуэм (уей).
5. (Сэрмахуэ) уи шыгъуэ цӏыкӏури
А махуэм шы щхьэ мыгъазэт,
Къербэчым къэбгъэзэжынкӏэрэ
Нысащӏэр къыпщыгугъа мыгъуэт (уей).
6. Ди нысэм уи лэрыпс цӏыкӏури
А махуэм къызэролъэлъыр,
Нэпс гуащӏэр къыпфӏелъэлъэхыурэ
Лэгъунэм укъыщӏашыж мыгъуэр (уей).
Источник: Одноклассники.ru - Группа "Хэкурэ - Хабзэрэ"
Скачать в исполнении Хаждала Кунижева
ключевые слова: Кэрбэч