Къандес джэгу

Исполнители: Умар Тхабисимов

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Мастэкъуаншэ щӏыкӏэу

Зэпытӏыгъщ къандес,

Зэхуэдитӏ итщӏыкӏыу

Дэ дызэбгъэдэсщ.

Припев:

Лъагъуныгъэр си псэ

Ар мыкъандес джэгу,

Дыкъызэрыгъапцӏэу

Дыздумыгъэджэгу.

Ӏэфӏыкӏэ нэхъыфӏыр

Ӏэнэм къытызох,

Хэмыту-хэмыту

Жыпӏэурэ сӏыбох.

Припев.

Уэ сыкъэбгъапцӏэну

Ӏэмал къогупсыс,

Сэ ди лъагъуныгъэм

Щэхуу согупсыс.

Припев.

Къандес къэпхьэхуныр

Сфӏэмыгъэщӏэгъуэн,

Си гур пхьэхуфащи

Ар нэхъ гъэщӏэгъуэнщ.

Припев.