Бланэ щалъху йокӏуэж

Псалъэхэр зытхар - Гъубжокъуэ Л.

Макъамэр зытхар - Молэ В.

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Щегъафӏэ и гум хэти щалъхуауэ и къуажэжь,

Химых ар и псэм хэлъми и адэм и пщӏантӏэжь.

Припев:

Нэкӏуэж щэбэтым къуажэм,

Си къуажэр сигу къэкӏащ,

Сыхущӏэмыхьэу жысӏэу,

Илъэсыр изгъэкӏащ.

Бланэ щалъху йокӏуэж,

Бланэ щалъху йокӏуэж.

Уэ къыппежьэнщ уи анэр – насыпыр ар мыгуэшщ,

Къысхуэхъуу ади ани, сэ къыспежьэнщ си къуэш.

Припев.

Зы махуэм махуэ пытщэу ди гъащӏэр аурэ хощӏ,

Кӏуэжыныр ӏуэху тхуэмыщӏу ӏыхьлым я жагъуэ дощӏ.

Припев.

Ӏыхьлыхэри тлъагъунщи, зы джэгу дыкъыщыфэнщ.

Кхъуейжьпхъи едгъэщӏынщи, махъсыми дыкъефэнщ.

Припев.

Источник: @zhygue

ключевые слова: йок1уэж