Абдулчэрим и гъыбзэ

народная песня

Исполнители: Хасан Хавпачев

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Псым хэсуэрэ, уорада,

Бабыщ хужь цӏыкӏуитӏ гущэми, уорада,

Псыхэр я гум хэлъырэ.

Бахъсэныжь уимыкӏыуэрэ,

Уи пӏэм уилъыжа гущэтэм,

Ажалышэу шэм усфӏимыхьынт.

Уэр, Абдулчэримымэ,

Е, уи джатэхъу цӏыкӏу гущэри, уорада,

Пашэным хуэӏэзэрэ.

А, Бек Рэмэзаныри,

Уей, фочауэ ӏэзэт иджы,

Шатэ фэндыр къыбжьэдигъэхуат.

Уэр, Абдулчэримымэ,

Е, уи натӏэц дахэ гущэр, уорада,

Ижьырабгъум телъырэ.

Шэр къыщыптехуа гущэм,

Ижьырабгъу лъэныкъуэмкӏэрэ

Абдулчэрим улъэныкъуэбат.

Уэр, Абдулчэримымэ,

Е, уи шыпхъу нэхъыщӏэ гущэр, уорада,

Уи ӏэщӏыбырытхэрэ.

Е, уи уэсиятыри

Бахъсэныщхьэ къурш гущэми

Абдулчэрим, къытыратхэжай.

Уэр, Абдулчэримымэ,

Е, уи шыпхъу нэхъыщӏэ гущэр, уорада,

Уи нащхъуэ-нэгиерэ.

Хьэблэр къызэгиеуэрэ,

Жылэр къызэгиеуэрэ,

Мащэ ӏуфэм ущызгъеижат.

Данэу си лъэпэдыри,

Абдулчэрим, лъэнкӏапӏэм хогъуащэрэ.

Укъэзылъхуа фызхэми

Сэ сахэгъуэщэхукӏэрэ,

Абдулчэрим, усщымыгъупщэн.

История Абдулкерима

Источник: https://youtu.be/hL2FNE9o4SQ