Нарт пшыналъэ

Псалъэхэр зытхар - Джыназ Н.

Макъамэр зытхар - Бэрэгъун В.

Исполнители: Владимир Барагунов, Артур Дышеков

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Къыщоӏур бгыщхьэм лъагэу бжьэмий,

Мэзышхуэм ещӏ джэрпэджэж.

Къуршыщхьэм уэсыр щызыгъэткӏийм,

А макъым къегъэщэбэж.

Нарт щӏыналъэу Къэбэрдей,

Пшыналъэр зи бэ, уей

Къихьэт утыкум, ди Сэтэней,

Дыкъыздэгъафэт, уей.

Нарт хасэм хуэдэу

Зыбгъазэм, уей,

Ди шыкӏэпшынэр мэзу,

Адыгэ пшынэр, бжьэмийри, уей,

Пхъэцӏычыр лъалъэу, дожьу.

Пасэрей пшынэр шэщӏи гъэзу,

Уи шыкӏэналъэр укъуэдий.

Ей, шыкӏэпшынэ, къэсащ чэзур,

Пшынэбзэр гъэпсалъэт, уей.

Нарт щӏыналъэу Къэбэрдей,

Пшыналъэр зи бэ, уей

Къихьэт утыкум, ди Сэтэней,

Дыкъыздэгъафэт, уей.

Нарт хасэм хуэдэу

Зыбгъазэм, уей,

Ди шыкӏэпшынэр мэзу,

Адыгэ пшынэр, бжьэмийри, уей,

Пхъэцӏычыр лъалъэу, дожьу.

Мес, ӏэпэпшынэр ӏэгум щоджэгу,

Къафэщӏэм дахэу дожьу,

Си лъэпкъ гурыщӏэм фыщӏэплъ и лъэгу,

Ди щӏалэгъуалэр вгъэджэгу.

Нарт щӏыналъэу Къэбэрдей,

Пшыналъэр зи бэ, уей

Къихьэт утыкум, ди Сэтэней,

Дыкъыздэгъафэт, уей.

Нарт хасэм хуэдэу

Зыбгъазэм, уей,

Ди шыкӏэпшынэр мэзу,

Адыгэ пшынэр, бжьэмийри, уей,

Пхъэцӏычыр лъалъэу, дожьу.

Пшынауэ ӏэзэхэм пшыналъэр хаш,

Адыгэ джэгум зешэщӏ.

Фэ вгъэӏу макъамэр дэни ноӏус,

Фи къафэм хуащӏыр нэмыс.

Нарт щӏыналъэу Къэбэрдей,

Пшыналъэр зи бэ, уей

Къихьэт утыкум, ди Сэтэней,

Дыкъыздэгъафэт, уей.

Нарт хасэм хуэдэу

Зыбгъазэм, уей,

Ди шыкӏэпшынэр мэзу,

Адыгэ пшынэр, бжьэмийри, уей,

Пхъэцӏычыр лъалъэу, дожьу.

Источник: @zhygue

ключевые слова: къыщо1ур