Адыгэщӏ

Псалъэхэр зытхар - Щоджэн Хь.

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Фӏыуэ зэрылъагъухэр зэгъусэу дэкӏамэ,

Лъагъуныгъэ дахэр ещанэу з(э)дащӏыгъу.

Сэ гъуэгуанэ инкӏэ пщӏантӏэм сыдэкӏамэ,

Адыгэщӏ, гухэлъу уэ уздызощӏыгъу.

Фӏыуэ зэрылъагъухэм я гухэлъ уэрэдыр

Я къэкӏуэну дахэм хуэгушхуэу зэдаус.

Сэрщ гъуэгуанэ инкӏэ пшыналъэр зи куэдыр,

Уэ ппэсщӏын уэрэд, итӏани, схуэмыус.

Фӏыуэ зэрылъагъухэм гунэф яхэмытми,

Къалъыса насыпыр зэхуэдэу хэт жиӏэн?

Адыгэщӏ, сыт фӏыгъуэ гъащӏэм къызимытми,

Уэр нэхъ насыпышхуэ щӏым щызимыӏэн!

Уэрэджыӏакӏуэ гъуэзэджэ Дэбагъуэ Хьэсэн и фэеплъ уэрэд

Источник: @zhygue

ключевые слова: адыгэщ1