Мамытӏэ

Исполнители: Умар Тхабисимов

ТЕКСТ ПЕСНИ:

1.

Сыт ущӏэмылажьэр, уэ Мамытӏэ?

Хадэ губгъуэ дахэр етагъахэщ,

Лажьакӏуэ зэманыр къэсыгъахэщ.

Уи ныбжьэгъухэм псэуми хадэ япщӏэ.

Ей, ей, си Мамытӏэ,

Я къалэныр псэуми ягъэзащӏэ.

2.

Сыт ущӏэмылажьэр, уэ Мамытӏэ?

Хадэ пщӏэгъуэ къэсмэ ущӏобзэхыр,

‘Лажьэ’ къыбжаӏамэ ущӏомэхыр.

Уэ уи щхьэхынагъэм сыт къыпхуихьрэ?

Ей, ей, си Мамытӏэ,

Дахэм укъилъагъумэ къопагэкӏыр.

3.

Сыт ущӏэмылажьэр, уэ Мамытӏэ?

Анэ гу хэгъэщӏыу ущӏыдэсыр,

Къуажэ бжыхь жьауапӏэм ущӏыщӏэсыр,

Уэ уи щхьэхынагъэм сыт къыпхуихьрэ?

Ей, ей, си Мамытӏэ,

Хъуркъым ар псэукӏэ, ар зэгъащӏэ.

4.

Сыт ущӏэмылажьэр, уэ Мамытӏэ?

Хъуркъым ар псэукӏэ, ар зэгъащӏэ,

Щӏэнакӏалъэ псэуми уэ укъащӏыр.

Ей, ей, си Мамытӏэ,

Хъуркъым ар псэукӏэ, ар зэгъащӏэ.

5.

Сыт ущӏэмылажьэр, уэ Мамытӏэ?

Хуитыныгъэ лъыхъуэу ущӏыдэсыр,

Уэ уи щхьэхынагъэм сыт къыпхуихьрэ,

Уэ мы дуней дахэм ущӏытетыр?

Ей, ей, си Мамытӏэ,

Уэ уи щхьэхынагъэм удокӏуэдыр.

6.

Сыт ущӏэмылажьэр, уэ Мамытӏэ?

Лажьакӏуэфӏэ кӏуэхэм уэ яхыхьэ,

Псэури уэ къохъуапсэу лӏыгъэ зехьэ,

Лажьакӏэфӏэ ухъумэ къыбдэкӏуэнкъэ.

Ей, ей, си Мамытӏэ,

Псэури уэ къохъуапсэу лӏыгъэ зехьэ.

Записал на слух Сохов Мурат

Скачать MP3 в исполнении Умара Тхабисимова

ключевые слова: мэмыт1э мамыт1э