Къарс зауэм и уэрэд

народная песня

Исполнители: Наталья Азаматова

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

1.

Урысей топыми, уэй-рау, ди чэр къекъутэркъэ, уой. (2 раза)

Мэгъэрей бжьыхьэми къэмыкъутэжмэ, дынэгугъэжкъымэ, уой. (2 раза)

 

2.

Шы щхъуантӏэ цӏыкӏури, уэй-рау, (или Шыпэхужь цӏыкӏури, уэй-рау,) зэрыкӏэмащӏэри, уэй. (2 раза)

Къэбэрдей щӏалэуэ зи гъащӏэ мащӏэхэр Къарс фагъэкӏуа мыгъуи фэ. (2 раза)

 

3.

Хьэмцӏий хьэнтхъупсыми, уэй-рау, фыкъырагъафэри фэ. (2 раза)

Дэ дызщыгугъхэми Къарсым и губгъуэхэр лъым евгъэфа мыгъуи фэ. (2 раза)

(или Къарсым и губгъуэхэр адыгэ щӏалэхэм лъы евгъэфа мыгъуи, уой.)

 

4.

Сарыкъамышымэ, уэй-рау, шэр къыдолъалъэри, уэй. (2 раза)

Узун-яйлэ шухэри Сарыкъамышымэ щелъэлъэха мыгъуи, уэй. (2 раза)

 

5.

Мо къуалэбзухэми, уэй-рау, къыздагъэзэжыркъэ, уэй. (2 раза)

Къэвгъэзэжынкӏэрэ дэ дыфщыгугъырти гугъэр дыуха мыгъуи дэ. (2 раза)

Информация из книги Тыркуем ис адыгэхэр:

По преданию, возле Карса в 1898 г. случилось военное столкновение между Турцией и Россией, по обе стороны которого оказались черкесы. Во время войны черкесы узнали друг друга по песням и вышли из нее.

Мыр къэзыӏуэтэжар Сей Наджищ:

1858-1864 гъэхэм Узуняйлэ тафэр адыгэ къуажэ 70-м хэщӏапӏэ ящӏат. Пащтыхь Абдул-Азиз адыгэхэр илъэс тӏощӏкӏэ дзэм дамышыну, къэралым хьэкъ ирамытыну унафэ къыдигъэкӏат. Ауэ зауэр къыщыхъейм, ди тхьэмадэхэм унафэ къащтащ: Уэсмэн къэралыгъуэм дыдэӏэпыкъуну къытлъос жаӏэри, шууей 5000 ягъэхьэзыращ. Псэуми яшхэр адыгэшт, я фочи, я джати, я къами, я щӏакӏуи зэгъэпэщат.

Сулътӏаным и малъхъэ Энвер-пашэм и гъусэу зауэм ягъэкӏуэн папщӏэ, Абдул-Азиз лӏыкӏуэ хуагъэкӏуащ. Дауи, пащтыхьым «хъункъым» къыхигъэкӏакъым. Зауапӏэ ӏухьа адыгэ шухэр Сарыкъамыш жылагъуэбэм щызэуэнхэу унафэ къыхуащӏащ.

Зауэр гуауэкӏэ иухащ, адыгэ шухэр къыхагъэщӏащ. Зи къуэ хэкӏуэда адэ-анэхэм, я ныбжьэгъуу, я къэшэгъуэ дахэу къэзымыгъэзэжа щӏалэхэм щхьэкӏэ Бешкъэзакъ хьэблэм щыщу Хьэцухэ зэшыпхъуитӏым гъыбзэ яусыгъащ. Мы зауэм кӏуа шууей минитхум щыщу къэзыгъэзэжар тху къудейщ.

ключевые слова: Карс завэ