ТЕКСТ ПЕСНИ:
Си уэройдщ, си уэройдщ, уэуиуэу, уареди,
Уо, угъурлыжьт, угъурлыжь,
Уэреда уей, рауэией,
Псышхуэ и банэт иджы, уэ хуэгъуа(у)бжэт, уоу, уо, хуэгъуабжэти, раууэиай,
Ди хьэ гъуа(уэ)бжэжь гущэхэр, уэу, къалъэф, уэу, я ӏуст, я ӏуст!
Си уэройдщ, си уэрэдщ, уэ махуэт,
Уэреда, гъуэдыджмэ ис гущэхэр зэдизэхуэди,
ӏэзахуэм дыкӏуэмэ-тӏэ, щытӏуэтэжынт, щытӏуэтэжын!
Си уэройдщ, си уэрэдщ, угъурлыжьт!
Уареда, Даущджэрджийт, уэ и тхьэшхуэр и гъусэти,
Пэщабэ гъусэт иджы, уэр, напэхур и кӏэст, и кӏэст!
Си уэройдщ, си уэрэдщ, уэ махуэт,
Уэреда, бажэ дещэнумэ, шы къуэгъукӏэ дывгъакӏуи,
Бланэ деуэнумэ, шы пшэркӏэ девгъажьэт, девгъажьэт!
Си уэройдщ, си уэрэдщ, уэ махуэт,
Мыр махуэти, ди Амэукъуэ гущэмэ, чыблэркъэ щагъэшри,
Фэ гъуза къашэхэр ар гуфэ зэтетт, гуфэ зэтетт!
Си уэройдщ, си уэрэдщ, уэ махуэт,
Уарэда, ди Арыкъыжь гущэхэм, мыр, бжьабэжьхэри къыщохъури,
Бланэ ехъуахэр иджы, ар лъэгуажьэ фӏыцӏэти.
Си уэройдщ, си уэрэдщ, уэ махуэт,
Уареда, ди фоч фӏыцӏэжь гущэхэм дызэдыщӏоплъри,
И нэр зытеплъэ гущэр, мыр, пшэрыхьмэ ӏэщӏыкӏкъым, ӏэщӏыкӏ!
Си уэройдщ, си уэрэдщ, уэ махуэт,
Уарэда, Бэдзэлеижь гущэхэм блэ фӏыцӏэхэри щызэпропщри,
Сырымэ уэ ӏэщхьэхэр, ар, зи щхьэм хуимыт, къыритӏ зэхуакум
Ӏэпщэкӏэ къыдэзыхыжыр Даущджэрджий, Даущджэрджий!
Источник: книга З. Кардангушева "Адыгэ уэрэдыжьхэр"