Адыгэ уафэ

Музыка - Умар Тхабисимов

Слова - Алим Кешоков

Исполнители: Амирхан Хавпачев

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Адыгэ уафэ, адыгэ щӏылъэ,

Уэгум сихьамэ щӏылъэр си плъапӏэщ.

Адыгэ уафэ, адыгэ щӏылъэ,

Уи лъахэм ситмэ дунейм сытеткъэ.

Уи къалэщхьиблым зыкъырагъэщхьу

Вагъуэ зэшиблыр жэщкӏэ зэщӏоблэр.

А блым ейанэу, нэхъ ебжьыфӏэкӏыу

Си гурыфӏыгъуэр адыгэ хэкукъэ.

Уи губгъуэ куэщӏыр пшэплъыу хэдыкӏыр

Тэрч къызэрокӏри псыр зызэхешэр.

Шым сыгъэшэси дэни сыгъакӏуэ,

Вагъуэ жыпӏамэ дыгъэр къэсхьынкъэ.

Уи нэр зыдэплъэм уи лъэр лъоӏэсыр,

Гум имылъами улъэӏэсакъэ.

Адыгэ уафэ, адыгэ щӏылъэ,

Уи лъахэм ситмэ дунейм сытеткъэ.

Источник: Anzor