Гум телъ псори дауэ сэ бжесӏэн?

Слова - Джабраил Хаупа

Музыка - Заур Жириков

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Уэрыншэным сеса сфӏэщӏу

Гъащӏэр изохьэкӏ.

Махуэр блокӏри – хьэлъэщ жэщыр,

Кӏуар зызогъэдзэкӏ.

Нэху сыкъекӏым, гум телъ псори

Дауэ сэ жысӏэн?

Гъатхэ хъуащи мапхъэ псэри,

Фӏыт зысхуэшыӏам.

Зы дакъикъэр мазэ хуэдэт

Уэ сыпхуэмызам,

Си уэрэдым псалъэу хэтыр

Уэрт зыхуэгъэзар.

Иджы, мисыр, псыншэ псыхъуэу,

Гъащӏэр изохьэкӏ…

Гукъэкӏыжым псэм зыщӏигъуу,

Куэдрэ сызоплъэкӏ.

Дауэ хъуами, гъащӏэр гъащӏэщ:

Хъуапсэм псэр есам,

Зимыщӏэжу уегъэгъуащэ,

Дахэ зэ хуэзам.

Уи щӏалэгъуэм, уи дахэгъуэм

Ӏэджэм ущоплъэкӏ…

Гъэхэр докӏри, уи нэплъэгъуэр

Зэшым ирелэкӏ.

Иджы дэнэ ущыхэтыр,

Сытри уи пӏэщхьагъ?..

Сыдэплъейрэ напӏэр сӏэтым,

Пшэхур сфӏощӏ къыздэгъ.

Иджы, мисыр, псыншэ псыхъуэу,

Гъащӏэр изохьэкӏ…

Гукъэкӏыжым псэм зыщӏигъуу,

Куэдрэ сызоплъэкӏ.

Источник: @zhygue

ключевые слова: бжес1эн