Нысашэ уэрэд

народная песня

ТЕКСТ:

1. (Уэредэ махуэй) ди нысэ,

Ежьу: Уойра!

Данэмрэ дыщэмрэ и гущхьэ,

Ежьу: Уойра!

(Ра) и гублэщхьитӏыри дыжьынкъэ.

Ежьу: Уоредэ, бэри махуэ!

2. (Уэредадэ махуэй) ди нысэ,

И дыжьын щӏыӏур алътескъэ,

Алътес гъуэжьыр (рэ) и гъуапэщ.

3. (Уэредадэ махуэй) ди нысэ,

Уэгум ит мазэр и напэ,

Напэху дахэм зегъазэ.

4. (Уэредадэ махуэй) ди нысэ,

Бгъащхъуэм дэхуарзэм укъешэ,

Укъэзыша щауэми уэ удэжькъэ!

5. (Уэредадэ махуэй) ди нысэ,

Жыр лэныстэшхуэр уогъабзэ,

Жыр мастэ цӏыкӏум уэ уродэ!

6. (Уэредадэ махуэй) ди нысэ,

Щхьэнтэм утесым - тхьэрыкъуэ,

(Уай) зыбукъуэдиймэ - аслъэнкъэ!

7. Нысэ махуэ идошэ,

Щауэ махуэ идошэжыр,

Зыхуэтшэжыр ӏэщхьэхукъэ!

8. Зыхуэтшэжыр ӏэщхьэхукъэ,

Ӏэщхьэху дахэр мэтэджи,

Ар щӏэтэджыр ди щауэрщ.

Источник: книга З. Кардангушева "Адыгэ уэрэдыжьхэр"