Хъыджэбз дахэ ухъурэ, укъэуджыни щыхъум деж

Исполнители: Бжами

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

– Хъыджэбз дахэ ухъурэ, укъэуджыни щыхъум деж,

Сэ уесхьэжьэм, сыт пщӏэжын, сэ уесхьэжьэм, сыт пщӏэжын?

– Хъыджэбз дахи сыхъурэ, сепхьэжьэни щыхъум деж,

Сэ, жыр мастэ сыхъурэ,

Щӏым сыхыхьэжым, сыт пщӏэжын, щӏым сыхыхьэжым, сыт пщӏэжын?

– Уэ, жыр мастэ ухъурэ, щӏым ухыхьэжыни щыхъум деж,

Пхъэӏэщэжьи сыхъурэ,

Укъыщӏэстӏыкӏым, сыт пщӏэжын, укъыщӏэстыкӏым, сыт пщӏэжын?

– Пхъэӏэщэжьи ухъурэ, сыкъыщӏэптӏыкӏыни щыхъум деж,

Хы тхьэрыкъуэ сыхъурэ,

Сылъатэжмэ, сыт пщӏэжын, сылъатэжмэ, сыт пщӏэжын?

– Хы тхьэрыкъуэ ухъурэ, улъатэжыни щыхъум деж,

Сэ, фочауэ сыхъурэ,

Укъезудыхым, сыт пщӏэжын, укъезудыхым сыт пщӏэжын?

– Уэ фочауэ ухъурэ, сыкъебудыхыни щыхъум деж,

Тхьэкӏумэкӏыхьи сыхъурэ,

Сыщӏэпхъуэжмэ, сыт пщӏэжын, сыщӏэпхъуэжмэ, сыт пщӏэжын?

– Тхьэкӏумэкӏыхьи ухъурэ, ущӏэпхъуэжыни щыхъум деж,

Сэ, хьэджафэ сыхъурэ,

Укъэзубыдым, сыт пщӏэжын, укъэзубыдым, сыт пщӏэжын?

– Уэ хьэджафэ ухъурэ, сыкъэбубыдыни щыхъум деж,

Бдзэжьей цӏыкӏуи сыхъурэ,

Псым сыхэпкӏэжмэ, сыт пщӏэжын, псым сыхэпкӏэжмэ, сыт пщӏэжын?

– Бдзэжьей цӏыкӏуи ухъурэ, псым ухэпкӏэжыни щыхъум деж,

Бдзэжьеящэ сыхъурэ,

Сихъым уинэм, сыт пщӏэжын, сихъым уинэм, сыт пщӏэжын?

– Бдзэжьеящэ ухъурэ, уихъ сыкъыхуэни щыхъум деж,

Сымаджэшхуэ сыхъурэ,

Пӏэм сыхэгъуалъхьэм, сыт пщӏэжын, пӏэм сыхэгъуалъхьэм, сыт пщӏэжын?

– Сымаджэшхуэ ухъурэ, пӏэм ухэгъуалъхьэни щыхъум деж,

Сэ, ӏэзэшхуэ сыхъурэ,

Узгъэхъужым, сыт пщӏэжын, узгъэхъужым, сыт пщӏэжын?

– Уэ, ӏэзэшхуэ ухъурэ, сыбгъэхъужыни щыхъум деж,

Уи ӏэзэгъуэ имытыу,

Сыпӏэщӏэлӏэм, сыт пщӏэжын, сыпӏэщӏэлӏэм, сыт пщӏэжын?

– Си ӏэзэгъуи имытыу, усӏэщӏэлӏэни щыхъум деж,

Джэбын хужьи сыхъурэ,

Зыносшэкӏым, сыт пщӏэжын, зыносшэкӏым, сыт пщӏэжын?

– Джэбын хужьи ухъурэ, зыкъызэпшэкӏыни щыхъум деж,

Хъыджэбз дахи сыхъурэ,

Сыныпхуэнэм, сыт пщӏэжын, сыныпхуэнэм, сыт пщӏэжын?

– Хъыджэбз дахэ ухъурэ, укъысхуэнэни щыхъум деж,

Зэнэ-зэпсэу дыпсэунщ,

Псэум ялейуэ дыпсэунщ, псэум ялейуэ дыпсэунщ.