Къэбэрдей жэщтеуэм и уэрэд

Автор - Тлепшуко Таов

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Жэщтеуэмэ и хъыбар пэжыр вжесӏэнщ,

Аи-ей, вжесӏэнщ.

Къэбэрдеймэ фи жэщтеуэжьыр лӏыгъэжьт,

Аи-ей, лӏыгъэжьт.

А махуэм ди къэбэрдейри шуужьт,

Аи-ей, шуужьт.

Дунеижьым дэ щытлъэгъуа хабзэр диӏэжкъым,

Аи-ей, диӏэжкъым.

Дэ ди мэлри Къуреижь губгъуэм къыщыхъурт,

Аи-ей, къыщыхъурт.

Дэ ди шыбзми Сэтей щхьэпцӏанэр я хъупӏэт,

Аи-ей, я хъупӏэт.

Ди нобэми ар жьэпкъыжь щхьэпцӏанэкӏэ дохъуэжыр,

Аи-ей, дохъуэжыр.

«Хъункъым!» жари дэ ди къэбэрдейри мэхасэ,

Аи-ей, мэхасэ.

Зэхуосри бжыщхьэ гуэрэнти мэувыр,

Аи-ей, мэувыр.

Къэбэрдейри Жэнхъуэтыпщым федэӏуркъым,

Аи-ей, федэӏуркъым.

Фи ӏэмыщӏэм къимыхуэххэнум фыщӏокъур,

Аи-ей, фыщӏокъу.

Къэралыжьмэ дэ деныкъуэкъункӏэ дымащӏэщ,

Аи-ей, дымащӏэщ.

Дунеижьым дэ щытлъэгъуа гъащӏэм дыхулӏэ,

Аи-ей, дыхулӏэ.

Напэ диӏэу дэ дызэрылӏэнур нэхъыфӏ,

Аи-ей, нэхъыфӏ.

«Хъункъым!» жари дэ ди Къэбэрдейри мэшэс,

Аи-ей, мэшэс.

Зэщӏошасэри мы Къетыкъуей тӏуащӏэми ныдохьэ,

Аи-ей, ныдохьэ.

Зэрохьэхри Къуреижь губгъуэм щогъуэлъыр,

Аи-ей, щогъуэлъыр.

Къарэхьэлъкъмэ я пащӏэкӏитӏыр къуацэгут,

Аи-ей, къуацэгут.

А махуэм я ӏэбжьыбитӏыр я пщалъэт,

Аи-ей, я пщалъэт.

Дзэхушэр къаӏурылъэлъу мэзауэ,

Аи-ей, мэзауэ.

Зэуапэри Къурей къалэжьым щаублэ,

Аи-ей, щаублэ.

Зауэкӏэри Шупщыӏэ къалэм нагъэсыр,

Аи-ей, нагъэс.

Я чылисэм уэркъыгъуэ е бзаджэр ирехыр,

Аи-ей, ирех.

Я лъахэми лъыпсей жагъуэри щагъажэ,

Аи-ей, щагъажэ.

Дэ ди дзапэр бжьэрыбжьей хабзэу мэджэгур,

Аи-ей, мэджэгу.

Дэ ди дзакӏэри надэджэгуххэурэ яфӏокӏуэ,

Аи-ей, нафӏокӏуэ.

Нэхущым лъыгъей мафӏэри къытщӏэблэт,

Аи-ей, къытщӏэблэт.

Инэралым и табын щэхур къыкъуешыр,

Аи-ей, къыкъуешыр.

Мыдэкӏэрэ дэ ди шыншэ лъэсыр щозауэ,

Аи-ей, щозауэ.

Пщы ябгэр инэрал пакъэм хуохулӏэ,

Аи-ей, хуохулӏэ.

Пащтыхьыжьым дэ дыкъигъэщӏакъым жери мэдалъэ,

Аи-ей, мэдалъэ.

Топышхуэри зи пщыӏэ бжэӏум щагъауэ,

Аи-ей, щагъауэ.

Зэуэгъуэм зи цей джэхушхуэр зи афэ,

Аи-ей, зи афэ.

Тхьэпцӏащхъуэмэ и джэдыкӏафэри зи фоч,

Аи-ей, зи фоч.

Дыщэшмэ къыхалъэфыгъэри зи гъуазэ,

Аи-ей, зи гъуазэ.

Фоч гъуазэми щӏэмыпсэхужурэ мэзауэ,

Аи-ей, мэзауэ.

Офицару цеищхъуэ кӏэщӏри хигъащӏэщ,

Аи-ей, хигъащӏэт.

Фоч кӏэщӏурэ и ӏэщэ лейри къыдихщ,

Аи-ей, къыдихщ.

Офицарурэ къуентхъым щӏэнэцӏри щхьэщихут,

Аи-ей, щхьэщихут.

Ипэ къихуэри табыныжьыгумэ щыфӏебз,

Аи-ей, щыфӏебз.

Урысыбзэкӏэ яхэхъуэныхьурэ мэзауэ,

Аи-ей, мэзауэ.

Рэ, зиныбжьми мазибл и зауэмэ хэмыкӏ,

Аи-ей, хэмыкӏ.

Рэ, зиныбжьми мазибл и зауэмэ хэмыкӏ,

Аи-ей, хэмыкӏ.

Ар езыри хэтхэ ящыщ жыпӏэмэ Хьэмырзэщ,

Аи-ей, Хьэмырзэщ.