Лэсчэн хъыджэбз

Псалъэхэр зытхар - Къагъырмэс Б.

Макъамэр зытхар - Молэ В.

Исполнители: Хаждал Кунижев

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Нэкӏу хъурейрэ набдзэ фӏыцӏэм,

Зэ къоплъарэ удихьэхмэ, -

Ар Лэскэн хъыджэбзщ.

Тӏэу къоплъамэ, плъэмыкӏыжу

И ужь уиту укъигъанэм, -

Ар Лэсчэн хъыджэбзщ.

Псалъэ дахэ къебгъэкӏуэкӏми,

Нэр къиӏэту къомыплъыххэм, -

Ар Лэсчэн хъыджэбзщ.

И ауаныр къуиутӏыпщрэ

Уибгъу и гъуэгуу ныпфӏежьэжмэ, -

Ар Лэсчэн хъыджэбзщ.

Тырахынкӏэ шынэ хъуауэ,

Щӏалэм зи цӏэр щэхуу жиӏэр, -

Ар Лэсчэн хъыджэбзщ.

Е, жеямэ, пщӏыхьым хэту

Тхьэӏухуду зыхуэгуфӏэр, -

Ар Лэсчэн хъыджэбзщ.

Псыр къиуами щӏалэр хыхьэм,

Ар зыхуэкӏуэр псоми ящӏэ –

Ар Лэсчэн хъыджэбзщ.

Ар зыхуэкӏуэр псоми ящӏэ,

И дахащэуэ и пщащэрщ –

Ар Лэсчэн хъыджэбзщ.

Источник: @zhygue