Ӏуащхьэмахуэ (2 версия)

Автор - Нина Хаупа

Исполнители: Мурат Хапсироков

Категории: кабардинские песни

Другие версии: Ӏуащхьэмахуэ (1 версия), Ӏуащхьэмахуэ (3 версия)

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Ӏуащхьэмахуэ зи лъэгагъым, уей,

Щӏэгъэкъуэни ар хуэмей.

Си ӏэр си щхьэм щӏызогъакъуэри

Мы ди ӏуэху мыгъуэм согупсыс.

Усымаджэщ жаӏэ мыгъуэри,

Сымаджэщым сашэ сэ.

Сымаджэщым сэ сывмышэурэ

Нэкъуэлэн къысхуэфшэкъэ.

Си дарий шхыӏэн мыгъуэри, уей,

Си анэм къысщӏеупщӏэрэ.

Хьэблэр щӏэупщӏакӏуэ къакӏуэурэ,

Пӏэм сыкъыхэвна мыгъуи.

Си къуэшыр къыщӏохьэ мыгъуэри

"Унэхъыфӏщ" — къызжеӏэри.

Си шыпхъур къыщӏохьэ мыгъуэри

Фӏы лъэпкъ къызжимыӏэ сэ.

Си анэр къысхущӏохьэ мыгъуэри,

"Ухъужынщ" къызжеӏэри.

Ныбжьэгъур къыщӏохьэ мыгъуэри,

"Нэкъуэлэн яшащ" жи, уей.

Послушать в исполнении Мурата Хапсирокова

ключевые слова: 1уащхьэмахуэ, Iуащхьэмахуэ, lуащхьэмахуэ, 1эщхьэмахуэ