Хьэжым и сарыкъ

народная песня

Исполнители: Рената Бесланеева

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Си дуней нэхум, синэм и нэхум сыхагъэкӏыжри сэ.

Си дуней нэхум, синэм и нэхум сыхагъэкӏыжри сэ.

Хьэжым и сарыкъыри (уей) щыуэ зэтокӏыри (уей)

(Уэй) мазищыр дэкӏым хьэжым сыратыр. Сыунэхъужа мыгъуи сэ.

Мазищыр дэкӏым хьэжым сыратыр. Сывгъэунэхъуа мыгъуи сэ.

Хьэжым и къамэри (уей) лъэныкъуэрыгъазэщи (уей)

(Уэй) зыкъезгъэзэнкӏым хьэжыр солъагъур. Сыунэхъужа мыгъуи сэ.

Зыкъезгъэзэнкӏым хьэжыр солъагъур. Сывгъэунэхъуа мыгъуи сэ.

Хьэжым и къамэри (уей) дахэу пырехыри (уей)

(Уэй) кхъаблэм дэлъу хьэжыри дахыу я Алыхь сыгъэлъагъу мыгъуи сэ.

Кхъаблэм дэлъу хьэжыри дахыу я Алыхь сыгъэлъагъу мыгъуэ сэ.

Си дэлъху нэхъыжьыри (уей) къызонапэфауэри (уей)

(Уэй) сызэкуэфауэу хьэжым сыратыр. Сыунэхъужа мыгъуи сэ.

Сызэкуэфэуэжу хьэжым сыратыр. Сывгъэунэхъуа мыгъуи сэ.

Си дэлъху нэхъыщӏэри (уей) ӏэщӏыбырытхэщ (уей)

(Уэй) мазищыр дэкӏым си нэчыхьыр ятхыр. Сыунэхъужа мыгъуи сэ.

Мазищыр дэкӏым си нэчыхьыр ятхыр. Сывгъэунэхъуа мыгъуи сэ.

Песню сочинила девушка, выданная замуж против ее воли.

Источник: http://youtu.be/JyJ7VYz9PW0.