Псалъэхэр зытхар - Шэджыхьэщӏэ Хь.
Макъамэр зытхар - Тхьэбысым У.
Исполнители: Аслан Кятов
Категории: кабардинские песни
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Мазэм сеплъым, уи сурэтыр наӏуэу къощ.
Жэщ вагъуэбэм си зы вагъуи къэт къысфӏощӏ.
Ауэ си псэр сыт щӏэгызыр, щӏэмыжейр,
Ущытеткӏэ, сыщытеткӏэ, дыщытеткӏэ зы дунейм?
Лъагъуныгъэр гугъэ лъапӏэм и щыхьэтщ,
Лъагъуныгъэр гугъэ пэжым и лъэрыгъщ,
Лъагъуныгъэр гъащӏэ блэкӏым и щыхьэтщ,
Лъагъуныгъэм, лъагъуныгъэм гъащӏэ къакӏуэр и нэрыгъщ.
Уэс къесамэ, дыгъэ бзийхэм ягъэткӏуж,
Пшэ фӏыцӏэжьхэр жьыбгъэ къепщэм трехуж.
Ауэ щыӏэщ, ауэ щыӏэщ уэс мыткӏуж,
Уэ умыщӏэу, сэ сымыщӏэу ар гурыщӏэ мыкӏуэдыжщ.
Жэщ къэсыхукӏэ си гум уилъу согъуэлъыж.
Гугъэм гъащӏэ сэ аргуэру къызетыж.
Уэ ущыӏэм – сэ сыщыӏэщи – сопсэу,
Уэра сфӏощӏыр, уэра сфӏощӏыр щӏэдахэжыр дуней псор.
Источник: @zhygue
Слушать бесплатно в исполнении Аслана Кятова
ключевые слова: ущытетк1э сыщытетк1э дыщытетк1э