ТЕКСТ ПЕСНИ:
Губгъуэр зи унэу,
Зекӏуэр зи хабзэу,
Шыщхьэмыгъазэу.
Уеуэм, къоуэжу,
Джалэм, тэджыжу,
Щӏэпхъуэм, зэуэкӏыжу.
Къуажэр имыбгынэу,
Унэр игъэунэу,
Анэр игъэлъапӏэу.
Адыгэ щӏалэ,
Ди щӏалэгъуалэ,
Адыгэ лъэпкъыр псо,
Адыгэ хабзэр псо.
Адыгэ щӏалэ,
Ди щӏалэгъуалэ.
Губгъуэ тхьэрыкъуэу,
Ӏуэхутхьэбзэрыщӏэу,
Емылыджыр куэпкъкӏэ зэришэу.
Лӏыхъум я нэхъ хахуэр игъэныбжьэгъуу,
Пщащэм я нэхъ дахэр и дэджэгуэгъуу.
Адыгэ щӏалэ,
Ди щӏалэгъуалэ,
Адыгэ лъэпкъыр псо,
Адыгэ хабзэр псо.
Адыгэ щӏалэ,
Ди щӏалэгъуалэ.
Бийм зэ щӏэкӏиемэ,
И гур хуӏуихыу,
Бийм зэ щӏэгуоумэ,
Тӏоу игъэгъуэгыу.
Хьетӏ жригъэӏэу,
Батэр игъэшу,
Зэш тригъэун щхьэкӏэ,
Шэфийм дэджэгуу.
Жылэр игъэгушхуэу,
Зэшхэр иущийуэ,
Щауэгъу зи бащэу,
Уэнкӏэ емынэжьу.
Адыгэ щӏалэ,
Ди щӏалэгъуалэ,
Нэхъыжьым псалъэр ей,
Нэхъыщӏэм гъуэгур ей.
Адыгэ щӏалэ,
Ди щӏалэгъуалэ,
Адыгэ лъэпкъыр псо,
Адыгэ хабзэр псо.
Источник: https://youtu.be/zh1OwCugdBU
Слушать бесплатно в исполнении группы "Хагаудж"
ключевые слова: щ1алэжь