Мэлыхъуэм и гъыбзэ

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Мэлыхъуэ пщашэмэ шэр егъэпщт,

Шэ пщтыр бжэмышх мыгъуэм сыщӏобэг.

Еейхыри е-о-о, собампӏэ. (тӏэу жыӏэн)

Упщӏэ лъей хуабэри къырагъэхь,

«Къущхьэхъу дыхьащ» жари, ягъэхьыж.

Еейхыри е-о-о, собампӏэ.

Лэгъуп пкъо зэхуакумкӏэ сыныдоплъ,

Мэл гъунэм сыплъэм, си мащэр ятӏ.

Еейхыри е-о-о, собампӏэ.

Си мэлхэр магъуэри гъуэгум тетщ,

Си бжэнхэр маджэри джабэм итщ.

Еейхыри е-о-о, собампӏэ.

Мы дунейшхуэри сыту бэнзэв,

Си гузэвэгъуэри хэт жесӏэн?

Еейхыри е-о-о, собампӏэ.

Источник: @zhygue