Гуащэней

Музыка - Ауес Зеушев

Слова - Н. Богатырева

Исполнители: Ауес Зеушев

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Лӏэщӏыгъуэ епщыкӏуханэм

Дэ благъэ дызэхуэхъуащ,

Урыс Пащтыхьу Иуаным

Идархэ я пхъур ишащ.

Пщы Темрыкъуэ ипхъу дахэр

Иуан Ерум псэгъу ищӏащ,

Адыгэ пщащэм и теплъэр

Лӏы пхъашэм и гум хыхьащ.

Припев:

Гуащэ, Гуащэ, Гуащэней,

Урипщащэт Къэбэрдейм,

Ущыхъуащ уэ Урысейм

Пащтыхь гуащэ, Гуащэней!

Лъэхъэнэ жыжьэм дешэжыр

Тхыдэм и зы гъуэгуанэ,

Къэбэрдеипщыр мэхыщӏэ:

Лъэпкъ мащӏэр хуейщ щӏэгъэкъуэн…

Щхьэр ирехьэлӏэ Иуан,

Урысеишхуэм и дамэр

Тхуэхъуащ адыгэм тепӏэн.

Припев.

Иуан Ерум и тепщэгъуэм

Уэ вагъуэу ухолыдыкӏ,

Марие цӏэр уи дахэгъуэм

Ди тхыдэм уэ щыходыкӏ.

Уэ уи ӏущагъ щагъэщӏагъуэм,

Упагэу узэмыкӏуэкӏ,

Нобэми адыгэ лъэпкъым

Ди гъащӏэм укъыдокӏуэкӏ.

Припев.

Источник: @zhygue

ключевые слова: епщык1уханэм