Пщэдджыжьым дыгъэ къыкъуэмыкӏтэм…
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Пщэдджыжьым дыгъэ къыкъуэмыкӏтэм,
Сэ уи нэкӏу бзыгъэр сщхьэщыкӏынт.
Пщыхьэщхьэм вагъуэ къыщӏэмыкӏтэм,
Си нэм уи нагъуэр зэ щӏэкӏынт.
Псэм дыхьа жьыбгъэм ӏэ здимылъэм,
Уи ӏэпэ щабэр сщыгъупщэнт.
Си гум къурш бзэншэхэр къимыплъэм,
Сигу щыуиӏэ гъащӏэм хэт пищэнт?
Сэ хьэуа къабзэ жьэдэзмышэм,
Уи бзэ ӏэфӏагъэр сигу икӏынт.
Бзу зи цӏэ уэгум щымыушэм,
Уи уэрэд гуапэм сыпыкӏынт.
Насыпым цӏыхур щӏэмыхъуэпстэм,
Сыпхуэзэн гугъэр сӏэпыхунт.
… Нэгъуэщӏ уэ пхуэдэ мы щмым теттэм,
Ар сэ къэзгъуэтынти – сигу уихунт.
Источник: @zhygue
ключевые слова: къыкъуэмык1тэм