Си хэку
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Къыр хьэзырыбгъэу
Ди Ӏуащхьэмахуэр
Ди дыщэ тажщ.
Псы къелъэ пыхухэми
Уэрэд мыухуэ
Уи макъ ептащ.
Припев:
Ей, ей! Ди дыщэ хэку!
Ей, ей! Ди дыгъэ жьэгу!
Псы къелъэ пыхухэми
Уэрэд мыухыуэ
Уи макъ ептащ.
Мес бэв нэщэнэуэ
Мэшыр мэщхьэлъэри –
Щӏылъэр мыжей.
Хохъуэр ди къалэхэм,
Хохъуэр ди жылэхэм,
Зыр зым доплъей.
Припев:
Ей, ей! Ди дыщэ хэку!
Ей, ей! Ди дыгъэ жьэгу!
Хохъуэр ди къалэхэм,
Хохъуэр ди жылэхэм,
Зыр зым доплъей.
Дэнэкӏэ укӏуэми,
Дэнэкӏэ уплъэми –
Псори дыдейщ.
Адэжь щӏыналъэ, уэрщ
Ди лъэр щӏэбыдэри –
Дэ ди дунейщ.
Припев:
Ей, ей! Ди дыщэ хэку!
Ей, ей! Ди дыгъэ жьэгу!
Адэжь щӏыналъэ, уэрщ
Ди лъэр щӏэбыдэри –
Дэ ди дунейщ.
Источник: @zhygue
ключевые слова: 1уащхьэмахуэр