Гъащӏэ

Слова и музыка - Майя Шидугова

Исполнители: Светлана Тхагалегова

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Мафӏэгум ещхьу зэкӏэрыщӏауэ

Илъэсхэр макӏуэр, си гъащӏэр блокӏ.

Сэ а мафӏэгум сигъуэщыхьауэ

Сыздишэр сщӏэркъым, сыкъырешэкӏ.

ЕЖЬУ:

Гъащӏэр псыежэхыу бложыр

Гур кӏэлъеӏэу ныкӏэлъожэр.

Дауикӏ нылъэщӏэрымыхьэ

ӏэмалыншэщ ар.

Мафӏэгур макӏуэр гъуэгухэр ихъуэжу

Зыдэкӏуэм носыри къегъэзэж.

Гъащӏэри макӏуэр гъуэгухэр ихъуэжу

Ауэ имыӏэ абы къэгъэзэж.

Уэ гъащӏэ, гъащӏэ, сыту угуащӏэ

Зэикӏ уемышу уокӏэрэхъуэкӏ.

Щӏалэгъуэ дахэр сзуохъур спэӏэщӏэ

Хуэмурэ жъыгъэм зыкьызешэкӏ.

Источник: Майя Шидугова

ключевые слова: гъащ1э