Адыгэ нысэ унэ идошэ

Слова - Бетал Бахов

Музыка - Умар Тхабисимов

Исполнители: Бжами

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Адыгэ пшынэм щӏыгур къыпэджэмэ, уоирэ, уорирэ, уойра,

Бжэӏупэ джэгум къуажэр зэхишэмэ,

Хъуэхъубжьэ усэр псэм зэхидзыжымэ,

Адыгэ нысэ унэ идошэрэ, уоирэ, уорирэ, уойра.

Ей жи, адыгэ лъахэ,

Ей жи, ди хабзэ дахэ,

Дарий ӏэщхьэху, къамэ ӏэпщэху,

Нэфӏыцӏэ нэху, джэгу умыпсэху,

Адыгэ нысэ унэ идошэрэ, уоирэ, уорирэ, уойра.

Хьэзыр ӏупэхуу ди щауэ уардэхэм, уоирэ, уорирэ, уойра,

Ди лъэпкъ гурыщӏэр я уэредадэмэ,

Дыгъэр зэхъуапсэр я дыщэидэмэ,

Адыгэ нысэ унэ идошэрэ, уоирэ, уорирэ, уойра.

Ей жи, адыгэ лъахэ,

Ей жи, ди хабзэ дахэ,

Дарий ӏэщхьэху, къамэ ӏэпщэху,

Нэфӏыцӏэ нэху, джэгу умыпсэху,

Адыгэ нысэ унэ идошэрэ, уоирэ, уорирэ, уойра.

Гъатхэм и дахэр уэрам къыдихьэмэ, уоирэ, уорирэ, уойра,

Бжьыхьэм и бэвыр жьэгум къыдилъхьэмэ,

Къалъхуа мазэщӏэр и нэмыс щыпкъэмэ,

Адыгэ нысэ унэ идошэрэ, уоирэ, уорирэ, уойра.

Ей жи, адыгэ лъахэ,

Ей жи, ди хабзэ дахэ,

Дарий ӏэщхьэху, къамэ ӏэпщэху,

Нэфӏыцӏэ нэху, джэгу умыпсэху,

Адыгэ нысэ унэ идошэрэ, уоирэ, уорирэ, уойра.

И фоужь матэр дадэ икъутэмэ, уоирэ, уорирэ, уойра,

Пшэплъыфэ ӏупэм хуахьыр фоущхьэмэ,

Фӏыгъуэ къепхъыхыр уэшхыу къыттешхэмэ,

Адыгэ нысэ унэ идошэрэ, уоирэ, уорирэ, уойра.

Ей жи, адыгэ лъахэ,

Ей жи, ди хабзэ дахэ,

Дарий ӏэщхьэху, къамэ ӏэпщэху,

Нэфӏыцӏэ нэху, джэгу умыпсэху,

Адыгэ нысэ унэ идошэрэ, уоирэ, уорирэ, уойра.

Послушать в исполнении ансамбля "Бжами"

Ключевые слова: адыгэ нысэ идошэ, адыгэ нысэ текст, адыга ныса, нэса унам идэщара